Адыгэ сайт » Диаспорэр » Израил дэс адыгэхэм мыарэзыныгъэ зэхьэзехуэ хуагъэхьэзырт Къэнокъуэ Арсен

 

Израил дэс адыгэхэм мыарэзыныгъэ зэхьэзехуэ хуагъэхьэзырт Къэнокъуэ Арсен

Зытхыгъэр: admin от 17-04-2011, 12:16, еплъыгъэр: 524

1



Адыгэ интернет-радио radioadiga.com зэрыжиIэмкIэ, Израилым дэт адыгэ къуажэ Кфар-Кама дэс адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ гупым гугъэ яIэт ирагъэкIуэкIыну мыарэзыныгъэ зэхьэзехуэ ,Къэбэрдей – Балъкъэрым и Президент Къэнокъуэ Арсен тхьэмахуэ дызэрыкIам Кфар-Кама и къэкIуэгъуэм ирихьэлIэу.

Сайтым зэрыжиIэмкIэ, мыарэзы щIалэхэм Къэнокъуэр къэкIуэну къыщащIэм, тхьэпэшхуэ ягъэхьэзыращ « Дэ Адыгэ Iуэхум дирисымаджэщ» жиIэу. Ауэ, Къэнокъуэ Арсен Кфар-Кама нэк1уакъым.

Илъэс кIуам Къэнокъуэ реблэгъауэ щытащ Израил дэт адыгэ къуажэ Кфар-Камэрэ, Рихьаньярэ. Кфар-Кама дэт Адыгэ музеим и зэпкъырыгъэувэжыным телажьэхэм доллар мин бжыгъэкIэ дэIэпыкъуащ.

А псор къызэтехъукIар, Къэнокъуэ Арсен «Эксперт» журналым ирита интервьюм щыжиIар: "адыгэ Iуэху щы1эркъым, ар къезыхьэк1ыр цIыхуищ-плIы, щхьэкIэ сымаджэу!"

Ауэ щыхъукIэ, адыгэ Iуэхум къык1ыр: мелуан бжыгъэ адыгэ Хэкужьым зэримысыжыр, Кавказми Урыс - Адыгэ зауэ 1763-1864 лъандэрэ, зэпкъырычауэ, лъэпкъиплIкIэ ягуэшауэ, Хэкур 1ыхьихк1э зэпкъырыудауэ адыгэр зэрисыр.

Израил дэс адыгэхэм мыарэзыныгъэ зэхьэзехуэ хуагъэхьэзырт Къэнокъуэ Арсен

Категория: Диаспорэр

Уважаемый посетитель, Вы зашли на сайт как незарегистрированный пользователь.
Мы рекомендуем Вам зарегистрироваться либо войти на сайт под своим именем.
<
  • Публикаций: 0
  • Комментариев: 0
  • ICQ: --
3 июня 2011 17:12

curiluhl

  • Группа: Гости
  • Регистрация: --
 
Вы пока смотрите, а я пойду качну новые песни гуфа.